Адыгэмэ хэгъэгу гъэпсыкIэу яIагъэм фэгъэхььыгъэ тхыгъэ


Мэкъуогъум и 13-м 1861 илъэсым Шъачэ Адыгэ лъэпкъ зэфэс щыIагъ. Ащ Адыгэ хэгъэгур илъэс мин пчъагъэ хъугъоу шъхьэфитэу зэрэщытым ыкIи хэгъэгу гъэпсыкIэ Адыгэ хабзэм тетэу зэриIэм фэшъуащэу, дунаем тет хэгъэгухэр къыдезэкIонхэм фэгъэхьыгъэу джэпсалъэ щащтэгъагъ ыкIи зэфэшъхьэф хэгъэгухэм зафагъэзэгъагъ.

Мы хъугъэ шIагъэм къигъэлъагъорэр, Адыгэхэм я шъхьэфитынгъэрэ я хэгъэгу гъэпсыкIырэ зэрэфэбэнщтхэр ары, ау, шIэныгъэ-лэжьгорэхэм е тхакIогорэхэм е цIыфгорэхэм нэмыкIэу мы Iофым еплъых. Ахэм я еплъыкIэкIэ, Адыгэхэм хэгъэгу гъэпсыкIэ ямыIагъэм фэдэу алъытэ ыкIи Урысэ Адыгэ заом икIэух неIэп Адыгэхэм я хэгъэгу агъэпсынэу зыфежьагъэхэр. Мыщ фэдэу еплъыхэрэр макIэп ау ахэр мы Iофым куу хаплъэхэрэп.

Адыгэхэм я хэгъэгу зэрэщытыщт шIыкIэр илъэс мин пчъагъэ ипэкIэ агъэпсыгъ. А хэгъэгу гъэпсыкIэм гупщысэ лъагэу хэлъым непэ нэс я 2I лъэшIэгъум дунаем тет хэгъэгухэр, лъэпкъхэр джыри къэсыгъэхэп. НэмыкI лъэпкъхэм хэгъэгу гъэпсыным къырагъэкIырэр, хэгъэгум пащэхэр иIэн фае ытIанэ ахэм кIуакIэ яIэн фае. Мы шIыкIэм къыкIырэр, цIыф нэбг заулэм хэгъэгур еубыты ытIан ащ цIыфэу щыпсэухэрэр егъэпщылIых ыкIи цIыфхэм, лъэпкъхэм я фитынгъэхэр еукъох.

Адыгэхэм я хэгъэгу гъэпсыкIэ гупщысэу хэлъыгъэр, лъэпкъым щыщ пстэури хэгъэгум иIоф хэлэжьэщтыгъэ. Мы щыкIэр ашIэхэп ау ащ шIыкIэу иIагъэр мары:

Къуаджэм хасэ иIэщтыгъэ. Ащ къуаджэм иIофхэр зэрифэщтыгъэ. Шъолъырым (къуаджэ заулэ зэхэтхэу) хасэ иIэщтыгъ. Ащ къуаджэхэм я зэфэщтыкIэ ыкIи я зэдэлэжьэн зэрифэщтыгъэ. Хэгъэгум (шъолъырхэр зэхэтхэу) хасэ иIэщтыгъэ. Ащ шъолъырхэм я зэфэщытыкIэ дэлэжьэщтыгъэ. Хэку (хэгъэгухэр зэхэтхэу) хасэ иIэщтыгъэ. Ащ лъэпкъым иIоф шъхьэIхэр зэрифэщтыгъэ. КIэкIэу тшIымэ, федератив хэгъэгу, собект зэфэшъхьэфхэм (къуаджэ, шъолъыр, хэгъэгу, хэку) я пшъэрылъхэр гъэнэфагъэх. Собект пстэуми зэдищтэщтыгъэ, Адыгэ лъэпкъыр зы, Адыгэ хэкур зы, Адыгэ хабзэр зы, Адыгабзэр зы.

Мы хасэ шIыкIэм гупщысэ гъэшIэгъонэу ахэлъыгъэхэм ящыщ, зэфэшъхьэф хасэ пстэури Iофхэм ятегущыIэщтыгъэх ыкIи зэнэкъокъущтыгъэх ау икIэухым хасэм хэт пстэуми зэдищтэн фэягъ. Зыгорэм зыIоф горэм дыримыгъащтэу зыхъукIэ хасэр зэхэкIыжьыщтгъэп пстэуми зэдищтэфэ нэс. Непэрэ щыIакIэм уеплъымэ мы шIыкIэр къин дэдэу къыпщыхъущт, тащтэу хасэм хэт пстэуми зэдищтэщт пIощт ау мы Iофым нахь куу ухаплъэмэ, Адыгэхэм цIыфыр зэрагъасэщтыгъэм ухаплъэмэ Iофыр къыбгурыIощт. ЦIыфыр къызыщыхъугъэ мафэм щегъэжьагъэу агъэсэу фежьэщтыгъэх. Ар гукIэгъурэ, шIулъэгъурэ, лъытыныгъэрэ, нэмыкI цIыфхэм африIэну агъасэщтыгъэ. Гъэсэныгъэр АдыгэхэмкIэ анахь Iоф шъхьэIоу алъытэщтыгъэ ыкIи ащ лъэщэу пылъыгъэх. Джащ фэдэу цIыфыр гъэсагъэу хасэм къэкIощтыгъэ, нэмыкI цIыфхэм узэразэгъын фаер ишIэу.

Адыгэхэм я хэгъэгу гъэпсыкIэ гупщысэ лъагэхэр хэтых. Мы тхыгъэм гупщысэу хэтхынэу тигухэлъэр, Адыгэхэм хэгъэгу гъэпсыкIэ яIагъ ыкIи ащ урипэгэнэу щыт. Непэрэ дунаеми ар щысэ техыпIэу фэхъун ылъэкIыщт. Джыри мы 1офым къыфэдгъэзэщт, тхыгъэхэри тисайт къидгъэуцощт. ТапэкIэ Адыгэ ныбжьыкIэхэу мы Iофым нахь куу хэплъэнхэу ыкIи дэлэжьэнхэу зигухэлъхэм тигуапэу тадэлэжьэщт .


Тыгъэ-къыкъокIыпIэ диалекткIэ

‎1861 гъэм мэкъуэуэгъуэм и 13-м Щачэ деж Адыгэ лъэпкъым и Зэхуэсышхуэ щызэхашэгъащ. А Зэхуэсым Адыгэ щIыналъэр илъэс мин бжыгъэ лъандэрэ щхьэхуиту зэрыпсэум, Хэгъэгу хабзэм тету икIи зэрахьэу, Адыгэ Хабзэм хуэфащэу къызэрекIуэкIым теухуа джэпсалъэ къыщащтэгъащ, абы ипкъ иткIи Хэгъэгу зэхуэмыдэхэм зыхуагъэзащ.

Мы щапхъэм къегъэлъагъуэ лъэпкъыр и щхьэхуитыныгъэм зэрыщIэзэуар, къэралыгъуэ гъэпсыкIэ зиIэ хэку яухуэным зэрыщIэбэнар. Ауэ языныкъуэ щIэныгъэлэжьхэр, тхакIуэ гуэрхэр мы Iуэхум нэгъуэщIущ зэреплъыр. Абыхэм я еплъыкIэкIэ адыгэхэм Хэгъэгу хабзэ зэрахьэу щытакъым, абы хуэкIуэу щыхуежьар Урыс-Адыгэ зауэр увыIа нэужьу жаIэр. Мы Iуэху еплъыкIэм тетхэр мащIэкъым, ауэ ар щхьэфэтегъэкIыу нэхъкIэ и кууапIэ ухэзымышэ бгъэдыхьэкIэщ.

Хэку зэхэтыкIэм и щапхъэр адыгэм зэригъэпсрэ илъэс мин бжыгъэхэр тещIэжащ. А хэгъэгу гъэпсыкIэ-зэхэтыкIэу лъхъэнэ жыжьэхэм яубзыхуам гупсысэрэ зэгъэзахуэу хэлъым нобэр дыкъыздэсам, 21 лIэщыIэгъуэм, дунейм тет къэралыгъуэхэмрэ лъэпкъхэмрэ ящыщ куэдыр нэсакъым. Зы лъэпкъым Хэгъэгу зэхэтыкIэр къызэрыгурыIуэр щIыналъэхэм зи щIыхьымрэ гуащIэмрэ ин пашэхэр яIэн хуейуэщ. Абы къикIыр зы нэрыбгэм е нэрыбгэ зыбжанэм щIыналъэм щызекIуапхъэ унафэр къащтэрэ абы я гъэзэщIэкIэ хъунум кIэлъыплъ цIыху гуп къегъэщIылIауэ щытынырщ. Iэмал имыIэу мыпхуэдэ зэхэтыкIэм цIыхум и хуитыныгъэм щыщ гуэрхэр еукъуэ, зы мащIэкIэ нэхъ мыхъуми дэкъузэныгъэ гуэрхэр къешэ.

Адыгэм и хэгъэгу хабзэм ипкъ иткIэ, лъэпкъым и цIыху псори жылагъуэ Iуэхум хэлэжьэнырщ, щхьэж и Iыхьэ, и гуащIэ ар егъэфIэкIуэным хилъхьэнырщ. Мыпхуэдэ щIыкIэ-гъэпсыкIэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэм ящыщщ:

Къуажэм Хасэ иIэт. Абы къуажэм щызэфIэхыпхъэ 1уэхугъуэхэр зыхуей хуигъэзэну и пщэ къыдэхуэрт. Къуажэ зэхэт (жылагъуэ) къэси е псыхъуэ къэси зы Хасэ яIащ. Абы къуажэхэм я зэхущытыкIэ хабзэхэр иубзыхуну, лантIэ къищIыныр и пщэрылъхэм ящыщт. Жылагъуэ Хасэхэри зэхыхьэт, псыхъуэ къэс дэлъ хабзэхэр зэгъэкIуным, зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэным теухуауэ унафэ къэщтэныр я пщэдэкIыжу щыту. Мы псом Хасащхь, Хэку Хасэ яIэжт, хэгъэгур федератив гъэпсыкIэ зэриIэр къигъэлъагъуэу жылагъуэхэм, жылэ зэхэтхэм, къуажэхэм я псэукIэм къыхэкI зэIумыбзхэм ирипсалъэрэ щхьэж хуэфащэ унафэ тращIыхьыну хьэкъ иIэу. А псор зэрызекIуэр Адыгэбзэт, зэрызэрагъакIуэр Адыгэ Хабзэт, щызекIуэр Адыгэ лъахэт, зыхузырагъакIуэр Адыгэ лъэпкът.

Хасэ щIыкIэхэм уеплъмэ, гупсысэ гъэщIэгъуэну хэлъым щыщщ Хасэ зэхуэмыдэхэр псори Iуэху къаIэтам ирипсалъэ-ириныкъуэкъу зэрыщытар, ауэ сыт щыгъуи и зэхэкIыжыгъуэм зы унафэ къызэдаухэсу къызэрекIуэкIар. Зыгуэрым къахьа унафэр игу иримыхьрэ арэзы мыхъуамэ, Хасэр зэхэкIыжу щытакъым а унафэр псоми зэдащтэхункIэ. Нобэрей ди зэхэтыкIэм уеплъмэ, мы щытыкIэр хуабжьу къиину, гъэзэщIэгъуейуэ къыпщохъу, ауэ, уегупсысыпэмэ, цIыхур, щIэблэр адыгэм зэригъасэу щытам ар къыбгуригъэIуэнущ. ЦIыхур къыщалъхуа махуэм щегъэжьауэ и гъэсэным ерыщу пылъхэт. ГущIэгъу, гулъытэ, лъытэныгъэ жыхуэпIэнухэм щIапIыкIырт. Гъэсэныгъэм и щхьэ адыгэм зыри игъакIуэртэкъым, абы хуэнэхъуеиншэу, темыплъэкъукIыу апхуэдэт. ЯпIащ, къэзылъхуам хуэфащэщ, гъэсэныгъэ бгъэдэлъщ зыхужаIэхэрат, цIыхум зэрыхыхьэ-зэрыхэкIым щыгъуазэхэрат Хасэм къекIуалIэри къраджэри.

Адыгэм и Хэгъэгу Хабзэм гупсысэ куу хэлъщ. Мы тхыгъэм кIэщIымкIэ къэтIуэтэну дызыхуеяр ди лъэпкъ хэгъэгу хабзэрэ абы хуэфэщэн псэукIэ-зэхэтыкIэрэ зэраIар къэгъэлъэгъуэнырщ, абы урипагэ-уригушхуэ зэрыхъунурщ. ИкIэщIыпIэкIэ жыпIэмэ, дунейми щапхъэ хуэхъуфынуи хуэпщIыфынуи щытщ. Иджыри мы Iуэхугъуэм къыхуэдгъэзэну ди гухэлъщ, тхыгъэхэри ди сайтым къидгъэувэурэ щытынущ. Адыгэ ныбжьыщIэу къэтIэта Iуэхугъуэм дэлэжьэну гупыж зыщI псоми защIэдгъэкъуэнуи дыхьэзырщ.


Comments