21.03.2023 - Адыгэ илъэсыкIэ – Гъэтхапэм и 21

 





Адыгэхэм ижъыкIэ, илъэсымкIэ агъэмэфэкIыщтыгъ. Ар гъатхэр къызихьэрэ мафэм тагъафэу щытыгъ, гъэтхапэ мазэм и 21-м (март мазэ).

Адыгэ илъэсыкIэр Адыгэ унагъом унэм щигъэмэфэкIыщтыгъэ ыкIи Адыгэ къуаджэм дэсхэр зэхэтыхэу агъэмафэкIыщтыгъэ.

Мы аужьырэ илъэсхэм Адыгэ илъэсыкIэр лъэпкъ мэфэкIэу Адыгэ хэкумкIэ хагъэунэфыкIы, Адыгэ хэхэсхэми агъэмэфэкIэу аублэжьыгъ.



Гъэтхапэм иапэрэ мафэм (21-22 март) пчъэдыжьым пасэу псыхъом идэжь илъэсыкIэ хъохъур къыщаIо:

Ди Тхьэ, Тхьэшхуэ!
Ди Тхьэ закъуэ!
Уафэри щIылъэри зезыгъакIуэ
Тыгъэшхуэр къызыбгъэдэкI.
ЩымыIэр хэзыгъахъуэу
Телъыджэр зи Iэужь.
Псори зыщыгугъуу
Зыми щымыгугъыж,
Къэхъури зэлъэIуу
Зыми емылъэIуж
Ди Тхьэ,
Зы Тхьэ,
Тхьэшхуэ!
Хъуэхъур дибэу, дыбагъуэу,
Губгъуэу диIэр бэвылъэу,
Лъэуджыджэ тхэмыту,
Iей тхэтыныр ди жагъуэу,
Ди жагъуэгъухэр зэгуэпу,
Ди япэ идгъэщ щымыIэу,
Ди фIыгъуэр здэдгуэшу,
Гукъеяуэр здэтшэчу.
ДищI бэвылъэр темыкIыу,
Ди пщащэхэр щIыкIафIэу,
Ди щIалэфIхэр лIы хахуэу,
Ди Iуэху дэна ямыщIу,
«Iуэху щIэн» жаIэм къэжану,
Пэрытыныр и хьэлу,
ХьэгъуэлIыгъуэр яублэу,
Бланэм хуэдэу къарууфIэу,
МафIэм хуэдэу къэмыскIэу,
Ди щIэблэр ефIакIуэу,
Ди нэхъыжьхэр тхуэузыншэу,
Iэнэм щысым тхьэмадэфIу,
Хасэм хэтым гуащIафIэу.
ФIыгъуэ дыщымыщIэу,
ЩIэм дигъэгуфIэу,
ХъугъуэфIыгъуэхэр ди бащэу –
ИлъэсыщIэр етхьэкIыну
Тхьэшхуэу дыкъэзыгъэщIам жиIэ!

Тыгъэм тэкIу зыкъызиIэтыкIэ, бзылъфыгъэхэм ащыщгорэм машIо зэхигъани мэл е нэмыкI лыгорэ егъажъи жьамэ (жьэрымэ) егъэу ытIанэ хъохъу къеIо:

Мы жьэрымэр
Адыгэ унагъуэхэм,
Адыгэ жилагъуэхэм,
Адыгэ Хэкум имыкIыу;
Ху жилэрэ МафIэ жылэрэ кIуэдыжыху
Лъэпкъ узыншэу мы щIыгум дызэхэзекIуэну
Тхьэшхуэу дыкъэзыгъэщIам жиIэ!





Бзылъфыгъэхэм анахьыжъым хьалджей 3 зэтелъэхэр зэгуреупчъых ытIанэ хъохъу къеIо:

Мы хьэлджеищыр Дыгъэм и плъыфэщ,
Дыгъэм и нэзырэ и бзийрэ псоми къалъысыну
Тхьэшхуэу дыкъэзыгъэщIам жиIэ!






Машъом телъ гъэжъагъэм къыпткIурэ дагъэмкIэ Пыпхэ Хъурейм машъо хагъанэ ытIанэ хъохъу къаIо:

Ди Тхьэ, Тхьэшхуэ!
Ди Тхьэ закъуэ!
Нобэ гъэрэ щIырэ зыхокI
Нобэ ИлъэсыщIэ дытохьэ.
Дыгъэм и хуабэрэ и нэхурэ
Нэхъ щIагъэхуэбжауэ къитыну
Тхьэшхуэу дыкъэзыгъэщIам жиIэ!

МэфэкIыр джэгукIэ рагъажьэ, УджыкIэ аухы. Ащ нэужьым унэм мэкIожьхи мэфэкIэр щырагъэкъужьы.

Адыгэ Хабзэ


Comments